- зэкIуэцIылъ
- I сверток, узел/ Зыгуэрым кIуэцIылъхьауэ е кIуэцIышыхьауэ щыт хьэпшып гуэр.* -Си тхьэIухуд, -абы {Хьэлахъуэ} Нафисэт зыхуигъэзащ, -мо зэкIуэцIылъ уэстам кIуэцIылъыр тхылъщ. КI. Т. -Мэ, щтэи еджэ, - жиIэри тхылъымпIэ зэкIуэцIылъыр НэфIыцIэ Хьэлым иритащ. Б. И.II скрытный, сдержанный/ Зи гурылъ зи мурад зыущэху (цIыху).* Дигу ирихьакъым ар цIыху зэкIуэцIылъу зэрыщытыр. Iуащхь. Зыгъэгушхуэн имыIэу, щхьэ закъуэ-гу закъуэу унагъуэм къитэджыкIа хъыджэбз цIыкIур гу зэкIуэцIылъу, и гупсысэр игу щигъэбыдэу къэхъуат. КI. Т.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.